главная > жемчужины фольклора

 
Пцӏымрэ пэжымрэ я зэхуакур плӏалэщ
 

- Пцӏымрэ пэжымрэ сыт я зэхуаку, Жэбагъы? - жаӏэу щеупщӏым:

- Плӏалэщ! - жиӏащ Жэбагъы.

- Ар дауэ? - щыжаӏэм, Жэбагъы и ӏэпхъуамбиплӏыр и нэмрэ и тхьэкӏумэмрэ я зэхуакум дилъхьэри:

- Мыракъэ пэжымрэ пцӏымрэ я зэхуакур? Нэм илъагъур пэжщ, тхьэкӏумэм зэхихыр пцӏыщ, сыту жыпӏэмэ ялъагъур зэрамыхъуэкӏыу зэикӏ яӏуэтэжыркъым, - къажриӏащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz