главная > жемчужины фольклора

 
Нэд мыкъу уврэ, нэд къуа зигъэщхърэ?
 

Зыгуэрым лӏыщӏэ къищтэри зэгъусэу мэкъуауэ дэкӏащ. Мэкъупӏэм щынэсым, мэкъур зейм:

- Зэ техьэгъуэ деуэнщи, итӏанэ дышхэнщ! - жиӏащ.

- Нэд мыкъу уврэ? Сеуэфынукъым, - жиӏэри лӏыщӏэр етӏысэхащ.

Мэкъур зейр гупсысэри «мыр фӏыуэ шхэмэ, фӏыуэ къысхуэлэжьэну къыщӏэкӏынщ» жиӏэщ игукӏи, пщафӏэхэри тӏури фӏыуэ шхащ. Шхэн зэраухыу:

- Нэд къуа зигъэщхърэ? Сэ сылэжьэфынукъым! - жиӏэри лӏыщӏэр гъуэлъащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz