главная > жемчужины фольклора

 
Нал ӏунэр бэн ӏунэ зыщӏыж тхьэр щыӏэщ
 

Пщы залымым и гъукӏэр иукӏыну мурад ищӏати, къриджэри шищэ я нал ӏунэ зы жэщым ищӏыну унафэ ткӏий хуищӏащ.

Гъукӏэр нэщхъей дыдэу кӏуэжри и унэ щӏыхьэжащ, пщым къыхуищӏа унафэр и фыз дахэм ириӏуэтылӏэжащ.

- Атӏэ а пщым фӏыуэ ещӏэ апхуэдиз нал ӏунэ зы жэщым зэрыпхуэмыщӏынур, ар уиукӏыну щхьэусыгъуэ къилъыхъуэу аращ. Апхуэдэу щыщыткӏэ, гъуэлъи укъыхэмыщту жей, нал ӏунэр бэн ӏунэ зыщӏыж тхьэр щыӏэщ, - жиӏэри фызым и лӏыр игъэгъуэлъыжащ.

Пщэдджыжьым гъукӏэр къэмытэджауэ пӏэм хэлъу пщым и пщылӏхэм ящыщ зыгуэр къэсащ.

- Маржэ хъун, тэджи бэн ӏунэ щӏы, ди пщыр щыӏэжкъым! - жиӏэри.

Гъукӏэр щӏиукӏыну фызым езы пщыр иукӏауэ нэху къекӏат. Псэлъафэр а таурыхъым къытекӏащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz