главная > жемчужины фольклора

 
Мыщафэ ӏэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, уи гъусэ ущыгугъыу мыщэм уемыбэн
 

Мыщафэ къыхуахьыну гуащэр ягъэгугъати, зэныбжьэгъуитӏ зызэрагъэпэщри кӏуащ мэзым.

Куэдри къамыкӏухьу мыщэр езыр къахуэзащ. Зыщрапщытым, мыщэр къахуилъащ. И ныбжьэгъур хьэшхыпӏэм къринэри зыр къыщӏэпхъуэжащ, адрейм и закъуэ къыщынэм, зэрыпэмылъэщынур ищӏэри зигъэмэхащ. Мыщэм и лъэбжьанэмкӏэ щӏалэр къызэридзэкӏащ, нызэридзэкӏащ, кърилъэфэкӏащ, арщхьэкӏэ щӏалэр бэуэжыртэкъым. Мыщэр щӏалэм къепэмщ-непэмри мыпсэужу щыфӏэщӏым, ӏукӏыжащ, зэ къызэплъэкӏыжри, щӏалэм зыщимыгъэхъейм, мэзым хыхьэжащ. Щӏалэр зыкъомрэ щылъа нэужь, къыщылъэтри и лъэ къызэрихькӏэ къажэурэ жыг къуагъым къуэс и ныбжьэгъум къыбгъэдэлъэдэжащ. Къежьэжауэ къыздэкӏуэжым:

- А мыщэм и пэр уи тхьэкӏумэм къыщыӏуилъхьам къыбжиӏар сыт? - жиӏэри еупщӏащ.

- «Мыщафэ ӏэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, уи гъусэ ущыгугъыу мыщэм уемыбэн» къызжиӏащ, - жиӏащ щӏалэм.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz