главная > жемчужины фольклора

 
Мылажьэ ягъашхэркъым
 

Пщыжь гуэрым пхъу дахэ дыдэ иӏэт. «Шы дахэмыжэ» жыхуаӏэм хуэдэу, дахэ щхьэкӏэ, ӏуэху ищӏэфыртэкъым. Жьыщӏэфыртэкъым, дыжэфыртэкъым, пщэфӏэфыртэкъым. Пщым ипхъу дахэм псори къылъыхъурт, ауэ, и ныкъусаныгъэр къызэращӏэу, кӏэбгъу защӏырти зыӏурагъэхыжырт.

Икӏэм икӏэжым, и щхьэ закъуэ и лъакъуитӏу псэу щӏалэ тхьэмыщкӏэжь гуэр щыӏэти, ар къылъыхъуащ.

Пщыри егупсысри «зыми имышэу къыдэнэж нэхърэ нэхъыфӏщ» жиӏэщ игукӏи къритащ.

Пщым и пхъум и ӏэпэр щӏалэжьым иубыдри и унэ къишэри къэкӏуэжащ.

- Мыдэ къеплъ, узэрыпщэфӏэнур мыпхуэдэущ, - жиӏэри нысащӏэр иригъэплъурэ и лӏыр пщэфӏащ. Иужькӏэ тӏури етӏысылӏэри зэдэшхащ.

- Иджы сэ мэз сокӏуэ. Уэ упщэфӏауэ, си шхыныр хьэзыру, хуабэу сыкърегъэхьэлӏэж! - жиӏэри лӏыр мэз кӏуащ. Пщыхьэщхьэм фызым зыри имыщӏауэ, унэм шхын дзэкъэгъуэ щӏэмылъу кърихьэлӏэжащ.

Лӏым и ӏэщхьэлъащхьэр дрихьейри пщэфӏащ, ипщэфӏари езыр бгъэдэтӏысхьэри зы дзэкъэгъуэ къыхуимыгъанэу ишхыжащ.

Къыкӏэлъыкӏуэ пщэдджыжьыми аргуэрыжьти, езыр пщэфӏэжри и фызыр къеплъу щысурэ ипщэфӏар ишхыжащ.

- Мес мо уэщыр къэпщтэнурэ, пхъэ пкъутэнущ, ар унэм къэпхьынурэ мафӏэ пщӏынущ. Абыкӏэ упщэфӏауэ си шхыныр хьэзыру сыкъэбгъэсыжмэ, тӏури детӏысылӏэнурэ ӏэфӏу дызэдэшхэнущ! - жиӏэри езым витӏыр щӏищӏэри мэкъушэ кӏуащ.

Нысащӏэр мэжэлӏапэ щыхъум, уэщыр къищтэри пхъэ икъутэну къыщӏэкӏащ. Ентӏыр гъурыжьым етӏыркъыу бгъэдэту и адэр къыдыхьэри унэмкӏэ щигъазэм, и пхъур еджащ:

- Дотэ, унэм умыкӏуэу япэ щӏыкӏэ мы пхъэр къутэ. Мыбы мылажьэ ягъашхэркъым, - жиӏэри.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz