Муслъымэн фӏэкӏа си шыр нэгъуэщӏым зэримыдыгъунур сщӏат
Шу гъуэгурыкӏуэ гуэр кӏуэурэ псы цӏыкӏум щынэсым «шыри тӏэкӏу езгъэпхъуэнщ, сэри зызгъэщӏыӏэтыӏэнщ» жиӏэри епсыхри шыр псы иригъафэри удзым хиутӏыпщхьащ, езым и ӏэщхьэлъащхьэ дрихьейри зитхьэщӏу ӏутӏысхьащ.
Абы хэту пабжьэм зыгуэр къыхэкӏри шым шэсри ежьэжащ.
- Умуслъымэнмэ, си шыр къызэтыж! Алыхьыр пщӏэмэ, умуслъымэнмэ, си шыр стумых! - жиӏэу гущӏыхьэу елъэӏуу шыр зейр щыкӏэлъыджэм, адрейр къэувыӏащ.
- Ӏэу, уэлэхьэ сымуслъымэнмэ, мэ уи шыри узотыж, ауэ дэнэ къыщыпщӏа сызэрымуслъымэныр? - жиӏэри къеупщӏыжащ.
- Уэлэхьэ, муслъымэн фӏэкӏа нэгъуэщӏым си шыр зэримыдыгъунур сщӏатэмэ! - жиӏэри и шым шэсри лӏыр ежьэжащ.
Къезыгъэхьар @zhygue