Лъэпщ и Хьэпцӏей кӏуэкӏэ
Лъэпщ и цӏэу Алъхъохэ пщылӏ гуэр яӏэт.
- Пщэдей Хьэпцӏей узгъэкӏуэнущ, Лъэпщ! - жиӏащ пщым.
«Пщэдджыжь сыщыкӏуэнукӏэ, ныжэбэ сыкӏуэрэ сыкъэкӏуэжмэ, щхьэ мыхъурэ!» жиӏэри Лъэпщ жэщым Хьэпцӏей кӏуэри къэкӏуэжащ.
Пщэдджыжьым Лъэпщыр пщым къриджэу Хьэпцӏей щӏэкӏуэнумкӏэ унафэ хуищӏ щыхъум:
- Уэлэхьэ, зиусхьэн, а жыхуэпӏэм ныжэбэ сыкӏуэри сыкъэкӏуэжамэ, - жиӏащ Лъэпщ.
Пщӏэншэрыкӏуэу хьэулейм хужаӏэ.
Къезыгъэхьар @zhygue