главная > жемчужины фольклора

 
Лӏымрэ хъумпӏэцӏэджымрэ
 

Зы лӏы гуэр гъуэгу тету здэкӏуэм, гуэдз хьэдзэ зыхь хъумпӏэцӏэджым ӏущӏащ. Лӏым ар игъэщӏагъуэри еупщӏащ:

– Мыр сыт, хъумпӏэцӏэдж, мы плъэфыр?

– Шхын солъэф.

– Атӏэ, уи щхьэр апхуэдэу щхьэ гъум?

– Акъыл илъщи.

– Атӏэ, уи плӏэр щхьэ бгъуэ?

– Къару схэлъщи.

– Атӏэ, уи бгыр сыту псыгъуэ?

– Мащӏэ сошхри.

– Атӏэ, мы гуэдз хьэдзэр сыт хуэдизкӏэ урикъуну?

– Илъэситӏкӏэ.

Лӏым ар и фӏэщ хъуртэкъым. Згъэунэхунщ, жиӏэри унэм ихьащ, хъумпӏэцӏэджымрэ гуэдз хьэдзэмрэ кхъуэщыным ирилъхьэри и щхьэр игъэбыдэжащ.

Илъэс дэкӏащ.

Илъэситӏ дэкӏащ.

Илъэсищ дэкӏащ.

Илъэс еплӏанэр и зэхуэдитӏым фӏэкӏауэ лӏым игу къэкӏыжащ хъумпӏэцӏэджыр. Кхъуэщыныр къищтэщ, и щхьэр ӏуихщ, ӏэнэм триӏубэри, хъумпӏэцӏэджым щӏыгъуу гуэдз хьэдзэ ныкъуэр къихужащ. Лӏым ар телъыджэ щыхъури еупщӏащ:

– Мыр дауэ, гуэдз хьэдзэр илъэситӏтэкъэ узэрырикъуну жыхуэпӏар? Гуэдз хьэдзэ ныкъуэм фӏэкӏа щхьэ умышхарэ?

– Си щхьэм илъти аращ. Уэ илъэсиплӏым нэскӏэ гъэру сыпӏыгъащ, ар илъэситӏым сшхыжамэ, силӏыхьатэкъэ уи гъэрэщым.

Лӏым хъумпӏэцӏэджыр иутӏыпщыжащ.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz