главная > жемчужины фольклора

 
Хущхьэ къуэпс зэтащ
 

- Гуащэ гуныкъуэгъуэншэ деж сыкӏуэнщ, - жиӏэри зэгуэрым Хъуэжэ ежьащ.

Кӏуэмэ, кӏуэурэ, я гъунэгъу къуажэпщым и фыз гуащэм деж нэсри щӏыхьащ.

- Гуащэ гуныкъуэгъуэншэ деж сыкӏуэнщи, тӏэкӏу зытезгъэунщ жысӏэри сыкъэкӏуащ, гуащэ! - жриӏащ.

Ар пщым и фызым щызэхихым, хэгупсысыхьри къыжриӏащ:

- Сэ къысфӏощӏ сэ нэхърэ нэхъ гуныкъуэгъуэшхуэ зиӏэ щымыӏэу.

Хъуэжэ ар щызэхихым, щӏэупщӏащ, игъэщӏагъуэу:

- Ӏэу, ар дауэ, сыт гуащэм гуныкъуэгъуэу уиӏэнур?

- Сэ гуныкъуэгъуэ симыӏэмэ, хэт зиӏэр, - жиӏэри къыщӏидзащ гуащэм. – Зэгуэрым сэ сыхущхьащ, си хущхьэгъуэм кърихьэлӏэу ди пщылӏ щӏалэ гуэри хущхьащ. «Фи хущхьэгъуэр щӏызэтехуар а пщылӏ щӏалэм узэрешэри аращ» жиӏэри пщылӏ щӏалэр иукӏащ си лӏым. Хьэдэр щӏригъалъхьэркъым, жэщым си пӏэм къыхрегъалъхьэ, махуэм лъэщӏэсым щӏрегъалъхьэ. Мис абы нэхъ гуныкъуэгъуэ сыт щыӏэ, «пщылӏхэр фӏыуэ уолъагъу» жери къысщхьэщолъадэр сиукӏыну.

- Атӏэ умыгузавэ абы щхьэкӏэ, сэ пщхьэщысхынщ уи гуныкъуэгъуэр. Сэ пщым и деж сыкӏуэнщ, сыуэршэру ар хущхьэху сыщысынщ. Иужькӏэ ар зэрыхущхьэу сэри зызгъэхущхьэнщ. Уэ къэуви жеӏэ: «Сэ пщылӏым сыхухэтмэ, уэри Хъуэжэ ухухэтщи, арщ ущӏэхущхьэр», - жыӏи.

Зэрыжаӏати, апхуэдэу ящӏ. Ар зэрилъагъуу гуащэр къыщолъэтри и лӏым йохъурджауэ:

- Сэ пщылӏыр къысхухэтмэ, уэри Хъуэжэ къыпхухэтщи, аращ фи хущхьэгъуэр щӏызэтехуар.

Ар игу темыхуэу пщыр къыщолъэт гуащэр иукӏыну, арщхьэкӏэ Хъуэжэ ӏэжьэгъу мэхъу.

- Зэ умыпӏащӏэ, зиусхьэн, ямыгъэпсалъэ цӏыху яукӏыркъым. Хущхьэ къуэпс зэтащ. Сэ жысӏэр пцӏыщ уэ пщэдей ӏуащхьэм къытеувэ, цӏыхухэр зэхуэгъэси тэлайкӏэ къахэпсэлъыхь, иужькӏэ ину зыгъэхущхьи, абдеж зи гур етауэ къоплъ псори мыхущхьэмэ.

Етӏуанэ махуэм пщыр ӏуащхьэм къытоувэри зэхуешэс, къахопсэлъыхь талайкӏи иужьым ину зегъэхущхьэ, Хъуэжэ игъэӏуща псори абы дохущхьэ.

Пщым ар щилъагъукӏэ, Хъуэжэ жиӏар и фӏэщ мэхъури и гуащэм йолъэӏу ириха лейр къыхуигъэгъуну, пщылӏри щӏрегъалъхьэри сын дахи хухрегъасэ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz