главная > жемчужины фольклора

 
Хьэ цӏыкӏум и жэуапыр
 

Зы хьэ сэбэпыншэ мэжэщӏалӏэ гуэр гъуэгум кӏэрыхубжьэрыху къищыпу здэкӏуэм, нэгъуэщӏ зы хьэ цӏыкӏу, и жьэм щӏакхъуэ са жьэдэлъу ихьу, хуэзащ. Хьэ мэжэщӏалӏэр щӏакхъуэм еплъри и гурыӏупсыр къэжащ. Абы мурад ищӏащ хьэ цӏыкӏум и щӏакхъуэр хыфӏригъэдзэну, итӏанэ езым къищтэжу ишхыну. Щӏакхъуэ зыӏыгъ хьэ цӏыкӏур къигъэувыӏэри жриӏащ:

– Хьэ кӏэ бацэ цӏыкӏу, мы уи жьэм жьэдэлъ щӏакхъуэр сыту ӏейуэ са, а гъуамэр пшхы хъунукъым, уи ныбэр игъэузынщ, хыфӏэдзэ.

Ар жиӏэри акъылышхуафэ зытригъауэри и нэкӏу зэлъа бацэм къыщӏэплъу увыжащ. Хьэ цӏыкӏум жэуап иритынумкӏэ куэдрэ мыгупсысэу, щӏакхъуэ иӏыгъыр и фӏалъэ лъакъуитӏым дилъхьэри, хьэжьым жриӏащ:

– Зэраныщӏэ кӏэ лалэу кӏэ лалэжь, уэ бэ бгъэщӏа щхьэкӏэ, уи гум фӏы илъкъым, усэбэпыншэщи, ущхьэхынэжьщ, къэкӏухьыным укъыдэхуэу улэжьэжыркъым. Сэ жэщкӏэ сошхэри зызогъэпсэху. Нэхъыфӏ къимыгъуэт щӏыкӏэ къигъуэтар зэзымыпэсыр арщ гъуамэр, – апхуэдэу ещри, щӏакхъуэр къищтэри, и кӏэ цӏыкӏур игъэсысу, щӏэпхъуэжащ.

Хьэжьым зыри жимыӏэу, и щхьэр фӏэлэлу зыкъомрэ щыта нэужь, и лъакъуэхэр илъэфу, и кӏэжьыр умамэу, дэцымейуэ ежьэжащ.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz