главная > жемчужины фольклора

 
Кӏапсэшхуэр лъхуэри арэфыпс къилъхуащ
 

Зы беижь нэпсей гуэр гъунэгъуу иӏэт Хъуэжэ. А хьэблэм и кӏуэцӏкӏэ а беижьым и закъуэт кӏапсэшхуэ зиӏэр. Хъуэжэ тӏэу елъэӏуащ абы и кӏапсэшхуэр хьэхуу къриту мэкъу къригъэшэжыну, арщхьэкӏэ щхьэусыгъуэ зэмылӏэужьыгъуэхэр къыхуищӏурэ къритыртэкъым. Ещанэу щелъэӏум, кӏапсэшхуэр къритащ. Мэкъу къэшэн зэриухыу арэфыпс дыщӏигъури кӏапсэшхуэр зейм иритыжащ.

Кӏапсэшхуэр зейр къэуӏэбжьащ:

- Мы арэфыпсри сыт зищӏысыр, сэ арэфыпс уэстат атӏэ? - жиӏэри.

- Уи кӏапсэшхуэр си деж щыӏэху лъхуэри арэфыпс къилъхуащ. Къэзылъхуар ууейуэ щыщыткӏэ, къилъхуари ууейщ - щыжиӏэм, зыри къыпимыдзыжу нэпсеижьым арэфыпсри ӏихащ.

Зэман заул дэкӏа иужь, Хъуэжэ аргуэру кӏапсэшхуэр хьэхуу къыӏихащ.

Ауэ иджы кӏапсэшхуэр зейм иримытыжурэ зэман куэд дэкӏат. Зы махуэ гуэрым кӏапсэшхуэр зей лӏыр губжьауэ къакӏуэри Хъуэжэ къыфӏэнащ:

- Хьэху къыщыпщтэкӏэ, и чэзум зэрептыжыпхъэри пщӏэн хуейщ! - жиӏэри. Хъуэжэи нэщхъейуэ жиӏащ:

- Къысхуэгъэгъу, цӏыхум сещыхьэкӏуэну сфӏэфӏкъыми, аращ алъандэрэ сыныщӏэмыкӏуэфар: уи кӏапсэшхуэр лъхугъэм зэрилӏыкӏрэ нобэ махуищ мэхъу, тхьэм хьэдрыхэфӏ кърит! - жиӏэри къаблэмкӏэ зигъазэри дыуэ ищӏу щӏидзащ.

Кӏапсэшхуэр зей лӏыр къэгубжьыпащ:

- Уи щхьэр къэгъэпцӏэж абыкӏэ, хэт илъэгъуа псэ зыӏумыт кӏапсэшхуэр лӏэуэ, - жиӏэу щыкӏийм, Хъуэжэ абы бгъэдыхьэри щэхуу жриӏащ:

- Кӏапсэшхуэм арэфыпс къыщилъхукӏэ, сыт ар лӏэнкӏэ щӏэмыхъур?!

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz