главная > жемчужины фольклора

 
Итӏани малъхъэунэгъу нэхърэ сынэхъыфӏщ…
 

Жылэр зымыгъэпсэу дыгъужьыжьыр ӏуэху ящӏри къаубыдащ. Яукӏыу и псэр ягъэтыншыжыну ягу темыхуэу, и фэр трахщ, имыгъэзэгъэну шыгъу траудэжри пцӏанабзэу мэзым щӏаутӏыпщхьэжащ.

Дыгъужьым и фэр зэрытрахар щызэхахым, мэзым хьэкӏэкхъуэкӏэу щӏэтым ауан къащӏу щӏадзащ:

- Еууей, еууей, уихъу-уилъурэ

Уи фэр трахщ,

Хэбзэри къытраудэщ,

Удын бзаджэри къыуадзри

Уи дзэр зэтеуэу укъаутӏыпщыжщ.

Жэщыргъэным сыткӏи уещэн,

Уи щэкӏуэнри къаухуэщ,

Хьэурыхунри уагъэухщ,

Сыт мыгъуэри уи махуэж.

Уи нитӏри къижу

Сыту икӏэу укъэунэ! - щыжаӏэм,

- Ей цӏапӏэ къом!

Сэ нэхърэ нэхъыкӏэж щыӏэщи,

Аращ сэ къысщыщӏам сыщӏримыгузавэр, -

Жиӏэри яхуэгузэвакъым.

- Уэ нэхърэ нэхъыкӏэжу сыт

Щыӏэнкӏэ хъун! - жаӏэри еупщӏащ.

- Гъунэгъум ебийр,

Зи биижь екӏужыр,

Шу жэрыжэ мыцӏыху зыубыр,

Зи быным щытхъур,

Имыщӏэф зыӏуатэр,

Зэхих псори зыӏуэтэжыр,

Жеибэр зи щӏасэр,

Щӏасэлӏкӏэ зэрамыпэсыр,

Уэсэпс хыхьэн зи жагъуэр,

Дыгъуэнкӏэ ерыщыр,

Мыщафэм щӏэбэгыр,

Ядэ къегиемэ, зызыгъэгусэр

Сэ нэхърэ нэхъыкӏэжщ,

Жылэ дэсу ахэр щыӏэщ.

Абыхэм нэхъри нэхъыкӏэжкӏэ,

Ягъэкъанми, малъхъэунэгъур!

Сэ, сыдыгъужьми,

Мэзыжьыр си унапӏэщ.

Си пӏэ срихуну хэти къремыкумэ, -

жиӏэри еуэри ежьэжащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz