Дамэкъуэр иплъхьэху, сыгъэжей
Зыгуэр щӏымахуэ жэщым къэтэджурэ мэкъушэ кӏуэрт, щӏалэщӏэ и гъусэти, абы жеигъуэ ириттэкъым. Жэщ гуэрым щӏалэр хэкӏуэтауэ джэгум къикӏыжащ, бжьынэхэм вэнвей хуабэ яриупцӏэри гъуэлъыжащ. Нэху щыщым, лӏыр щӏалэм еджащ:
- Тэдж, дыгуващ! – жиӏэри.
- Кхъыӏэ, дамэкъуэр иплъхьэху сыгъэжей, нэгъуэщӏ мыхъуми, - жиӏащ щӏалэм.
Лӏыр щӏэкӏри дамэкъуэр ирилъхьэну щыхуежьэм, бжьынэм вэнвей ищтхьат. Лӏым псы игъэхуабэу, абыкӏэ вэнвейр къригъэвыкӏыжу, дамэкъуэр ирилъхьэху выр щӏищӏэху щӏалэр жеящ, нэхуи щащ.
Къезыгъэхьар @zhygue