главная > жемчужины фольклора

 
Чэнджэщ
 

Щакӏуэр мэзым къикӏыжырт. Зыри къищэкӏуатэкъыми, и щхьэр къыфӏэхуат. Къыздэкӏуэжым, уэгунэбзу цӏыкӏу гуэр къиубыдащ.

- Сутӏыпщыж! Сыбутӏыпщыжмэ, игъащӏэкӏэ къыпщхьэпэн чэнджэщ уэстынщ.

Щакӏуэр арэзы хъуащ.

- Япэ чэнджэщыр мыращ: блэкӏам ущӏэмыфыгъуэж.

- Хъунщ. Етӏуанэри къызжеӏэ.

- Ар щыбжесӏэнур сыбутӏыпщыжмэщ.

- Кӏуэ, - жиӏэри иутӏыпщыжащ.

Жыгым пытӏысхьэжауэ, уэгунэбзур къопсалъэ:

- Етӏуанэ чэнджэщыр мыращ: пцӏыр уи фӏэщ умыщӏ.

- Хъунщ. Ещанэри къызжеӏэ.

- Ещанэм зэкӏэ ухуэмыпӏащӏэ. Уэ делэм пщӏэуэ пӏэрэ укъызэрызгъэпцӏар? Си хулъэм джэдыкӏэ хуэдиз хъууэ дыщэ кӏанэ илъщ. Ар уиӏамэ, игъащӏэкӏэ пхурикъунт.

- И, бетэмал! Щхьэ узутӏыпщыжат! Укъысхурикъуащ! Дыщэм сыхэкӏыжащ! Ещанэм сегъэдаӏуэ-тӏэ.

- Хьэуэ, абы ухуейкъым уэ, - жиӏащ уэгунэбзум. - Тӏу бжесӏати, асыхьэту пщыгъупщэжащ. Блэкӏам ущӏэмыфыгъуэж бжесӏати, сызэрыбутӏыпщыжам ухущӏегъуэжащ. Пцӏыр уи фӏэщ умыщӏ бжесӏати, абыи уедэӏуакъым. Сэ езыр джэдыкӏэ хуэдизщ сызэрыхъур, си хулъэм джэдыкӏэ хуэдиз хъу дыщэ кӏанэ ихуэн? Нэгъуэщӏ чэнджэщ уэ пхуэфащэкъым.

Ар жиӏэри уэгунэбзур лъэтэжащ. Щакӏуэри, и щхьэр фӏэлэлу, къуажэм дыхьэжащ.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz