Бррржьжьей щхьэ жызмыӏарэт!
Ещакӏуэурэ бажэжь цӏыкӏум зы ныбгъуэ къиубыдат.
- Сошхри сошх, ауэ сыщыпшх махуэр къызжыӏэ! – жиӏэри ныбгъуэ цӏыкӏур бажэм елъэӏуащ.
- Бэрэжьейщ! – щыжиӏэм, «тррр» жиӏэу ныбгъуэ цӏыкӏур лъэтэжащ.
- «Бррржьжьей» щхьэ жызмыӏарэт! – жиӏэри бажэм и дзэр зэтрикъузащ.
Ӏэщӏэщӏыхьа щыуагъэм иужькӏэ зи акъыл къэкӏуэжым ауаныщӏу хужаӏэ.
Къезыгъэхьар @zhygue