главная > жемчужины фольклора

 
Блыщхьэм щэлэуат къэпхьауэ мэремым къыпхузэхуэсащэрэт уи фасикъ жылэр
 

Нэхъ макъыфӏ зиӏэ сохъустэхэм махуэхэр ятригуэшауэ азэн игъаджэрт ефэндым. Хъуэжэи абыхэм ящыщ зыти, абы жумэ махуэр – мэремыр къылъысат, щэлэуат къихьын хуейуэ. Хъуэжэ и махуэр щыгъупщэжри блыщхьэ махуэм азэн джапӏэм дэкӏуейри щэлэуат къихьу теуващ.

Ар щызэхихым, «мыр делэ хъуа?» жиӏэри ефэндыр псынщӏэу азэн джапӏэм кӏэлъыдэжеящ.

- Сыт мы пщӏэр, ди напэр тыбох, нобэ блыщхьэ махуэм щэлэуат щхьэ къэпхьрэ? - ефэндым щыжиӏэм, Хъуэжэ щэлэуатыр псынщӏэу зэпигъэури:

- Уа, ефэнды, блыщхьэм щэлэуат къэпхьауэ мэремым къыпхузэхуэсащэрэт уи фасикъ жылэр, - жиӏащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz