главная > жемчужины фольклора

 
Бэч и къуэжьым хуэдэу, Урысейм щхьэкӏэ ди фэр хьэуазэкӏэ едгъэкъунщ
 

Бэч и къуэжь жыхуиӏэр Александр Бекович-Черкасскэрщ. Адыгэкӏэ абы и цӏэр Долэт-Джэрийт, адыгэпщ лъэпкъ Бэчмырзэхэ ящыщт.

1717 гъэм Урысейм пащтыхь Петр I Хъивэ хъаным и хэкум кӏуэну экспедицэ къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы и къалэнт Аму-Дэрйа и псыжапӏэжьыр къихутэну. А экспедицэм и унафэщӏу щытар Александр Бекович-Черкасскэрщ.

Экспедицэ здэкӏуам Бекович-Черкасскэр Хъивэ хъаным гъэпцӏагъэкӏэ ӏэрубыд ищӏри псэууэ и фэр трихщ, хьэуазэкӏэ икъужри папхэу къалэ дыхьэпӏэм къигъэувыжауэ щытащ.

Псалъэжьыр абы къытекӏащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz