Бажэмрэ щхьэлтетымрэ
Зы лӏыжь цӏыкӏу къулейсыз гуэрым щхьэлыжь тӏэкӏу зэригъэпэщауэ ирипсэурт. А щхьэлым абы кърилэжьыфыр зыкъуэмылӏыкӏын тӏэкӏут.
Абы зы бажэжь цӏыкӏу къеуасэри махуэм щхьэлым къыщӏэкӏ хьэжыгъэ зэ пщэфӏыгъуэр къибзеижауэ нэху къригъэкӏ хъуащ. Лӏыжь цӏыкӏур зэгуоп, мэгузавэ, и хьэжыгъэ тӏэкӏур фӏэзышхыр сыт имыщӏэми къыхуэщӏэркъым.
– Лӏэм зыгъэлӏэн ешх жыхуаӏэращи, хъужынукъым жей симыӏэу семыплъакӏуэу.
Арати, зы жэщ гуэрым хьэжыгъэ тӏэкӏур зыдэлъ ашыкым и гъунэгъуу тӏысыпӏэ ищӏри щхьэлым зыкъыщӏигъэнащ. Абы дежым куэд дэмыкӏыу бажэжь цӏыкӏур къыщӏыхьэри хьэжыгъэр зыдэлъ ашыкым зыдигъэхуащ.
Лӏыжь цӏыкӏум бажэр къиубыдащи и пщэр фӏиубыдыкӏауэ екъуз.
– И-и, сэ шхын щхьэкӏэ сызыгъалӏэ бажэ напэншэ! Устхьэлэн хьэмэрэ упсэууэ уи фэр тесхын! – мэкӏий лӏыжь цӏыкӏур.
Бажэр гужьейри къэлъаӏуэу щӏидзащ:
– Ей, лӏыжь цӏыкӏу, сэ сыптхьэлэкӏэ уи сэбэп хэлъкъым, къуэ сыпщӏмэ, сэбэп сыпхуэхъунщ.
– Сыт уэ сэбэпыншэр къуэ усщӏкӏэ къысхуэпщӏэфынур? Абы нэхърэ устхьэлэрэ сигу птезгъэзагъэмэ, нэхъыфӏщ.
– Хьэуэ, сэ пхуэзмыщӏэфын щыӏэкъым, усщыгуфӏыкӏыжынщ, уи тхьэмыщкӏагъэр уэзгъэӏуэтэжынщ, къуэ сыщӏ, – жеӏэри бажэр къолъэӏу щхьэлтетым.
Арати, лӏыжь цӏыкӏум бажэр къуэ ищӏащ.
– Жыӏэ иджы, си адэ, иджыпсту сыт нэхъ ухуэныкъуэ?
– Плъагъуркъэ, си щӏалэ, сыпцӏанэщ, гъэмахуэм дыгъэм сримыгъэсу, щӏымахуэм щӏыӏэм сыщихъумэу зы джэдыгужь сиӏатэмэ, зэи зыщысхынтэкъым.
– Атӏэ ар гугъу, си адэ, джэдыгупхъэ сэ пхузэзгъэпэщынкъэ, – жиӏэри бажэжь цӏыкӏур ежьащ.
Губгъуэр къызэхикӏухьу, дзыгъуэгъуэ хуэзэми къитӏэщӏу, дзыгъуэ цӏыкӏу зыӏуридзэнми хуэмыщхьэхыурэ, жэщ хъуауэ мэжэлӏауэ хъуакӏуэщакӏуэ къежьа дыгъужьибгъум яхуэзащ.
Дыгъужьхэм бажэжь цӏыкӏур къаувыхьащи, я дзэхэр зэтрагъауэ, къокӏуэталӏэхэр. Бажэжь цӏыкӏум сыт ищӏэнт, и кӏэр и бэкъум диупщӏэжауэ, и псэр къызэригъэлын ӏэмалым йогупсыс.
– Ей, си къуэшыфӏхэ, фэ слъагъухэр фымэжэщӏалӏэщи, сэ фыкъызэдаӏуэмэ, фи ныбэм ӏэ дывэзгъэлъэжынщ, фызгъэтхъэжынщ.
– Дынодэӏуэнщ, къыджеӏэ дыбгъэшхынур!
– Хьайдэ, си ужь фыкъиувэ! – жиӏэри бажэр ущу ежьащ, дыгъужьибгъур абы кӏэлъожэ, зым и лъэмбым зыр ипкӏэу. Кӏуэхэурэ, псы куу хуэм гуэрым и ӏуфэм нэсхэри, бажэм дыгъужьхэм закъыхуигъэзащ:
– Иджы, си къуэшхэ, фэ къывэхьэлъэкӏынуми сщӏэркъым, пэжыр жыӏэн хуейщ, мыбы гугъуехь пылъщ, ауэ пылъми иужькӏэ фытхъэжынущ. Аращи, гугъуехьым фыщымышынэмэ...
– Хъунщ, хъунщ, кӏэщӏ зегъэщӏ!.. Дэ домэжалӏэ!
– Ей, си къуэшхэ! Абы фӏэкӏа шыӏэныгъэ фхэмылъу сэ фыкъызыхуэсша тхъэгъуэр къывэхъулӏэнкӏэ ӏэмал зимыӏэщ... Атӏэ, аращи, си къуэшхэ, шыӏэныгъэ фиӏэну фхузэфӏэкӏынумэ, ныжэбэ нэху щыху зывмыгъэхъейуэ мы псым фыхэт. Пщэдджыжь нэху зэрыщу, зы щӏалэ цӏыкӏу гуэрым жэмыбгъэ пшэр куэд къихунущи, ахэр псафэ къызэрыдыхьэу фшхы фызыхуейм хуэдиз. Аращи, си къуэшхэ, пщэдджыжь жэмыбгъэ пшэркӏэ зывгъэнщӏыжыну фыхуеймэ, псым фыхэувэ!
– Додэ.
– Ауэ, си къуэшхэ, зыгъэхъей хэмыту нэху щыху фыхэмытмэ, сэ сывмыгъэкъуэншэж, фи гугъуехьыр псыхэкӏуадэ хъунущ. Абы адэкӏэ, си къуэшхэ, сэ ищхьэмкӏэ сыдэкӏуеинщи, мы жэщ уаем щӏыӏэм фимысын щхьэкӏэ, хьэуазэ псым къыхэспхъэурэ къыфхуезгъэхьынщ.
Мис а щӏыкӏэм тету, бажэжь цӏыкӏум хьэуазэ къыхикӏутэурэ, дыгъужьибгъур быдэу псым хигъэщтхьауэ нэху къекӏащ.
Жэмыбгъэ пшэрхэм я пӏэкӏэ, пщэдджыжьым жьыуэ лӏыжь цӏыкӏур, зы бжэгъу цӏынэрэ зы сэ жанрэ иӏыгъыу, бажэм дыгъужьхэм къахуишащ. Лӏыжь цӏыкӏур куэдрэ емылӏалӏэу бжэгъу цӏынэмкӏэ дыгъужьибгъур иукӏри я фэр трихыжащ. Щхьэлтетым дыгъужьыфэ джэдыгур къыщитӏэгъа нэужь: "Пэж дыдэу къуэкӏэ сехъулӏащ", – жиӏэри бажэр къуэ зэрищӏам щыгуфӏыкӏыжащ.