главная > жемчужины фольклора

 
Ар гурымыкъыу щытащи, ипщэкӏэ дрикъеягъэнущ
 

Зэгуэрым Хъуэжэ мэз къикӏыжу плъэри хьэблэ псор зэрыдэхауэ псыхъуэм дэлъадэу илъэгъуащ.

- Цӏыхуфӏхэ, фыздэжэр дэнэ? Къэхъуар сыт? – жиӏэри яупщӏащ.

- Уи гъунэгъур псым итхьэлащ, Хъуэжэ, - къыжраӏащ абыхэм. Ар щызэхихым, Хъуэжэи гум къелъэри якӏэлъыжащ. Псым щынэсым, псори хьэдэм лъыхъуэу, ищхъэрэкӏэ ирагъэзыхащ, езы Хъуэжэ ипщэкӏэ дригъэзеящ.

- Уа, Хъуэжэ, хьэдэр псым ирехьэх, армыхъумэ ипщэкӏэ дрихьейркъым, уэ щхьэ ущылъыхъуэрэ ипщэкӏэ? – къыжраӏащ.

- А-ууей, фэ фщӏэ щыӏэкъым, ар щыпсэум гурымыкъыу щытащи, ипщэкӏэ дрикъеягъэнущ, - жиӏэри Хъуэжэ ипщэкӏэ дригъэзеящ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz