Алыхьыр здеӏэмкӏэ уемыӏэу хъурэ – гуэныхькъэ!
Хъуэжэ и чы-бжэгъу унэжь цӏыкӏур жьы хъури, жьыбгъэ къепщэмэ, игъэуэн хуэдэу лъэныкъуабэ хъуат.
«Мы унэжь фам зэгуэр дыщӏебгъэпӏытӏэнущ», жиӏэурэ фызым махуэ къэс Хъуэжэ и тхьэкӏумэр иудэгурт.
Зэгуэрым Хъуэжэ пкъоуиплӏ къихьри унэр здемыба лъэныкъуэмкӏэ щӏигъакъуэу хуежьащ.
Ар уэ плъэгъуа, сэ слъэгъуа, зылъэгъуа гуэрым мэжджытым щыщиӏуатэм, ефэндыри яхэту Хъуэжэ деж жэмхьэтыр къызэрыхьащ.
- Мыр сыт, Хъуэжэ, уи жьыщхьэ делэ ухъужа, унэр нэхъ псынщӏэу бгъэуэну ара пкъохэр абыкӏэ щӏыщӏэбгъэкъуар? – къыжраӏащ.
- Мо ефэндыр аракъэ дыгъуасэ жызыӏар «Алыхьым упэщӏэувэ хъунукъым» жиӏэу. Алыхьыр здеӏэмкӏэ уемыӏэу хъурэ, гуэныхькъэ? - жиӏащ къызэхуэсахэр ауан ищӏу.
Къезыгъэхьар @zhygue