Ахъмэт и фо изщ
Ахъмэткӏэ еджэу бгы лъагэ, бгъуэнщӏагъ зищӏыжу, къущхьэхъу щӏыпӏэм щыӏащ. А бгышхуэм и джабэм апхуэдизкӏэ куэду бжьэр исщи, абы ящӏ фор гъэми щӏыми бгы гъуанэхэм къитӏэтӏу изу жаӏэ. Ауэ апхуэдизкӏэ бгыр лъагэщи, къипхыну ӏэмал хуэбгъуэтыркъым: и лъабжьэмкӏэ ущежьэу удэкӏыфыркъым, и щхьэмкӏэ кӏапсэкӏэ укъехмэ, бгыр хуэбгъуэнщӏагъщи, фор зэрылъ гъуанэм улъэӏэсыркъым. «Ахъмэт и фо изщ» псалъэжьыр абы къытекӏащ. Улъэмыӏэсмэ, сыт и мыхьэнэ жыхуиӏэщ.
Къезыгъэхьар @zhygue