главная > жемчужины фольклора

 
Урысхэм хуаусар (источник текста: Радио нэтын)
 

Урыс-Кавказ зауэр иухащ пащтыхьыдзэм и текӏуэныгъэкӏэ. Адыгэхэм ящыщу псэууэ къэнахэм я ӏыхьибгъур хэкум икӏащ, абыхэм ящыщ закъуэтӏакъуэми къагъэзэжыфащ, мыдэкӏэ хэкум къина ӏыхьэ пщӏанэр я хэкум и щӏы нэхъ ӏей, бгылъэхэмрэ шэдылъэхэмрэ щызэхуихусри, нэхъ щӏыпӏэфӏхэм урыс станицэхэр къригъэтӏысхьащ.

Адыгэхэр гъунэгъурэ псэуэгъурэ къахуэхъуа урысхэм якӏэлъыплъри, яхуэусэн хуей хъуащ.

Мы усэр щызэхалъхьар Адыгэ хэкурщ. Усэр "Закавказский край" сборникым 1857 гъэм Санкт-Петербург щытрадзауэ, абы къитхыжащ. Мис ар:

Урысыжьу пыӏэ щыгубгъуэ,

Губгъуэжьым дэ дыкъибгъэзщ.

Мэзыкӏэр ди хъупӏэ-шхыпӏэт.

Щӏы кӏапэм укъикӏщ,

Щхьэгуащэкӏэм щыӏэ къущхьэхъур жыпӏэри, укъэсщ,

Муслъымэным псыикӏыжыр къытхэбдзэщ.

Ди удзми берычэт хыумынэ,

Джэду унэ пхъэ бэзэр щебгъэщӏщ,

Мэз мыщӏэм ди щӏалэхэр дэбгъэкӏщ.

Псыкъуийри станицэм къыщотӏ,

Пӏэтӏроныр фи джабэм темыкӏ,

Къаукӏыр зэщӏэкӏиеу къыӏуах,

Джатэ итхын щхьэфӏэхын ящохъу,

Джатэбэхэр фэркӏэ тхьэ йокӏ.

Я шырыкъу лъэдакъэ гъущӏынэщ,

Я нэм уеплъынкӏэ щхъуэнтӏабзэщ,

Я цӏыхубзым лыгъэ пцӏанэу къакӏухь,

Япэ иту къэзыкӏухьыр жасусщ,

Я паласыжьхэр дэӏыгъщ,

Я унащхьэ бгъэнхэр аргуажьэщ,

Бзаджэ щӏэдзапӏэр нэбахътэщ,

Кӏэрахътэм щӏащӏэри ягъасэ,

Сурэтыр тыкуэным щаухуэ,

Сэхураныр я бзэгупэм темыкӏ,

Я хэкӏри бжыпэкӏэ ираӏулӏ,

Я лӏами гущӏэгъур хуамыщӏ.

Тхылъымпӏэ ахъшэр къебгъажьэщ.

Щӏакхъуэр ягъажьэмэ, сом фӏыцӏэщ,

Екӏэпцӏэр нашэмэ, сом ныкъуэщ.

Узыщӏэныкъуэкъур къущхьэхъурщ.

Унэ щӏыхьэхур зымыщӏэ,

Щӏым и дахапӏэм утесщ.

Сокъуэлыкъуэжьыр щытхэсым,

Инжыджитӏ зэхуакур ди хъупӏэ-шхыпӏэт,

Къарэхъукъуэ фӏыцӏэр къытхыхьэри,

Ди ӏэхъупӏэр зэв къытщищӏщ.

Нэгъуеижьхэр зи хьэжыгъашэ,

Зыдашэри джаур жылэжьщ.

Уи жылэм и вагъэр къагъазэ.

Хъэрэбызыр ясэми, мывэкӏэ къуршщ,

Зи пшэрыкӏэ яшхри кхъуэ лощ.

Къэхьпэуэ хэтыр урыс гъэбагъуэщ.

Губгъуэм имыхуэр уи хъуакӏуэ-вакӏуэщ.

Станицэм къэбаскӏэр къыщащӏэ,

Зэщӏащӏэри шы вейр ныдаш,

Псыӏэрышэр хьэжыгъэм долажьэ,

Уи лэжьакӏуэр удзым и пэбжщ,

Уи фоч пэбжыр дыгъэм полыд,

Уэгум илыдэр уи члисэжьщ,

Уи къалэжьыр мывэ защӏэкӏэ зэпщӏэкӏщ,

Уи хъумакӏуэр ӏуащхьэ-ӏуащхьэм хуэбгъасэщ,

Уи шэтырыр къалэ кӏуэцӏым щыбухуэщ,

Уи хуарэр лӏыщхьэгум къыщӏэпщӏэщ,

Зэщӏощӏэри къалэ-къалэр къокӏухь,

Къэзыджэдыхьыр хьэжрэткӏэ уи гугъэщ,

Уи дзэр дунейм темыхуэ,

Уи гъашхэ уеплъынкӏэ гущыкӏщ,

Джэдыгукӏэр лъэгуажьэпэм нэмыс,

Хуэдз псыхъуэ и кӏыхьагъкӏэ бгъэгъафэщ,

Унафэншэу ди мэкъу тӏэкӏур пыбупщӏщ,

Ухынэ и лъагъуэмкӏэ укъыдохьэ,

Щхьэгуащэ кхъужь-мей думынэ,

Джэду унэм пыщыт гъуэгур уоузэщӏ,

Занщӏэу земыкӏуэр жасусщ,

Шу закъуэм и псэр хыбох,

Дэфэрей ӏэщэри хебгъанэщ,

Хьэкъущыкъу тхьэщӏыным хуэкъабзэщ,

Шхын бзаджэ шхынкӏэ хуэчэфщ,

Кӏэртӏоф ящӏэнкӏэ хуэбазщ,

Псы узэӏущӏэм лъэмыжыр нытолъхьэ,

Узыдыхьэми тутынымэри дебгъэхщ,

Джэдыкӏих апэсыкӏэ къощэху.

 

Ищхьэмкӏэ зэрыщыжытӏащи, а зэман хьэлъэм къежьа ӏуэрыӏуатэм щыщу дэ зи щхьэфэ диӏэбар щэм щыщу зыщ. Мыхэр ди лъэпкъым и нэгу щӏэкӏам къыхэкӏыу зэхалъхьа ди лъэпкъ тхыдэщ. Дэ къэдгупсысауэ зыри хэтлъхьакъым.

Ӏуэрыӏуатэри тхыдэ щӏэныгъэм хуэдэ зыщ - ухэпщэфӏыхьыну узыхуимыт ӏуэхугъуэщ.
 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz