главная > жемчужины фольклора

 
Уи благъэр бий пщӏымэ, уи бийм благъэ хуэхъунщ
 

Зы дыгъужьрэ зы мэлыхъуэхьэрэ зэгъусэу къакӏухьу бажэм щилъагъум игъэщӏэгъуащ, ябгъэдыхьэри яупщӏащ:

- Мыр сыт гъэщӏэгъуэн, игъащӏэ лъандэрэ фызэбийщ. Иджы ныбжьэгъу фызыхуэхъуныр сытым къыхэфха?

- Атӏэ, мыдэ къэдаӏуэ, - жиӏащ хьэм. – Мы си гъусэ дыгъужьыр сэ схъумэ мэлым ныхэлъадэри зы мэл ирихьэжьащ. Ар къыщезгъэнэну си лъэ къызэрихькӏэ сыкӏэлъыщӏэпхъуат, ауэ сылъэщӏыхьакъым. Абы щхьэкӏэ лажьэ симыӏэу мэлыхъуэр ӏейуэ къызэуати, абы и бийм благъэ зыхуэсщӏащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz