главная > жемчужины фольклора

 
Сымаджэ нэпцӏ зищӏурэ лӏам нэхъей
 

Лӏитӏ гум ису здэкӏуэм, япэкӏэ плъэри хьэлъэ телъу лъэс гуэр кӏуэуэ ялъэгъуащ.

- Мо лъэсым дызэрыщӏыхьэу сивгъэтӏысхьэ жиӏэнурэ къыдэлъэӏунущ. Апхуэдэу щыщыткӏэ, сэ сымаджэ нэпцӏ зысщӏынщи сыгъуэлъынщ. Уэ, сымаджэ илъщ, укъизгъэтӏысхьэ хъунукъым жыӏи ныблэкӏ, - жиӏэри, зыр щӏакӏуэ зытрипӏэри гум игъуэлъхьащ.

Гур кӏуэурэ лъэсым щыщӏыхьэм, «сивгъэтӏысхьэ» жиӏэри къелъэӏуащ.

- Хъунукъым, сымаджэ хьэлъэ илъщ, - жиӏэри блэкӏащ.

Ауэрэ кӏуэурэ къызэплъэкӏри, лъэсыр щимылъагъужым, и гъусэм еджащ:

- Тэдж, лъэсым дыкъилъагъужкъым, - жиӏэу.

Арщхьэкӏэ, и гъусэр къыщымытэджыжыххэм, щӏакӏуэ кӏапэр къиӏэтмэ, - «сымаджэр» лӏат.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz