главная > жемчужины фольклора

 
Къуэшрокъуэр пӏащӏэри унакъым
 

Гъэмахуэр икӏауэ ӏэхъуэхэр Къущхьэхъум къыдэкӏыжын щыхъум, щӏыпӏэм и пӏалъэ зыщӏэ ӏэхъуэ нэхъыжьхэм дунейр къызэрызэӏыхьэнур жаӏащ, уафэм и нэгу щӏэлъыр щӏэкӏыху, ӏэщхэр кърамыгъэжьэжу заӏэжьэну унафэ ящӏащ. Къуэшрокъуэр мэлыхъуэ пщыӏэ гуэрым нэхъыжьт, а унафэм емыдаӏуэу пӏащӏэри и мэлыхъуэ пщыӏэр къригъэжьэжащ. Гъуэгум борэн къыщытехъуэри Къуэшрокъуэм и мэл хъушэр уаем иукӏащ.

«Къуэшрокъуэр пӏащӏэри унакъым» псалъэжьыр абы къытекӏащ.

Къезыгъэхьар @zhygue

главная > жемчужины фольклора
 

Сайт создан в системе uCoz