главная > жемчужины фольклора

 
Дыгъужьымрэ щынэ цӏыкӏумрэ
 

Щынэ цӏыкӏур ишхыну дыгъужьыжьыр ехъуапсэрт, ауэ щхьэусыгъуэ игъуэтыртэкъым.

Зэгуэрым щынэ цӏыкӏур псафэ кӏуауэ, дыгъужьыжьым къилъэгъуащ. Абы япэ зрегъэщ, псым долъадэри щынэр кӏэлъыдыхьэну къежьэу къэуващ. Щынэ цӏыкӏур дыгъужьыжьым щышынэрти, кӏэлъыдэмыхьэу пэплъэу куэдрэ щытащ.

Щынэ цӏыкӏур ӏейуэ псы хуэлӏэрти, дыгъужьыжьыр къыдэмыкӏыжыххэ щыхъум, хуэмышэчыжу кӏэлъыдыхьэри дыгъужьым ищхъэрабгъукӏэ псы ефэу уващ.

Абы ипщэрабгъукӏэ псы ефэ хуэдэу зищӏу, дыгъужьыжьыр щытт.

Псы ефэну щынэм и пэр щыхищӏэм, дыгъужьым кӏийуэ щӏидзащ:

– Сыт уэ ӏейм, мы сэ сызэфэ псыр къыщӏэбгъэутхъуэр?

– Зиусхьэн дыгъужь, уэ псыр къыздижымкӏэ ущытщ, сэ уи псыр къысхуэгъэутхъуэрэ?

– Сыт жыпӏэр уэ лъагъугъуейм, хэт уэ уи ныкъуэф ефэн уи гугъэр?

– Зиусхьэн дыгъужь, сынолъэӏу къысхуэбгъэгъуну.

– Хъунщ-тӏэ, апхуэдизу ущылъаӏуэкӏэ, усшхынщи пхуэзгъэгъунщ! – жиӏэри дыгъужьыжьым щынэр ишхащ.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz