главная > жемчужины фольклора

 
Бажэмрэ щыхьымрэ
 

Бажэр псы ӏуфэм деж зигъэкӏэрахъуэу щыту, щыхьыр кърихьэлӏащ.

– Сыт мыбдеж щыпщӏэр, щхьэ зыбгъэкӏэрахъуэрэ?

– Псым адрыщӏкӏэ щыт къаз хъушэр плъагъуркъэ?

– Солъагъу.

– Абы сохъуапсэри аращ… Игъащӏэкӏэ зыгуэр къысхуэпщӏэххэнумэ, псым сызэпрых – уи лъэгуажьэм къэсын къудейщ.

– Хъунщ, къэшэс.

Бажэр щыхьым шэсри псым зэпрыкӏащ, къаз хъушэм хэлъадэри хуэшхыр ишхащ, хъушэр зэкӏэщӏихуащ. Иужьым, фыз гуп псыхьэ къэкӏуауэ кърихьэлӏэри къыщӏагъэӏащ. Апхуэдэу щыхъум, бажэм кӏэбгъу зищӏри пабжьэм зыхигъэпщкӏуэжащ, мыдэкӏэ фызхэм щыхьыр къаӏэрыхьэри пхъэхькӏэ кӏуэцӏакъухьащ. Фӏыуэ яубэрэжьауэ къаӏэщӏэкӏыжри щыхьыр псы ӏуфэм къыӏухьэжащ, и джабэр иуауэ. Бажэри, къазыц ӏупэ хъужауэ, пабжьэм къыхэжыжащ.

– Дэнэ ущыӏа? Си закъуэу сыкъэбгъанэри себгъэубэрэжьащ.

– Плъагъуркъэ, си дэлъхушхуэ, сэ тӏэкӏу сышха нэужь, лъэныкъуэ зезмыгъэзу хъуркъым.

– Армэ дэгъуэщ, къэшэс, псым узэпрысхыжынщ.

Бажэр игъэшэсри, щыхьыр псым хыхьащ.

Щыхьыр псыкум нэсри етӏысэхыу хуежьащ.

– Сыт пщӏэр, сыт пщӏэр, хьэдэгъуэ дахэ, сыбогъэтхьэлэ!

– Плъагъуркъэ, си шыпхъу цӏыкӏу, сэ фӏыуэ сыкӏуэцӏакъухьа нэужь, псым зыщӏэзмыгъэмбрыуэу хъуркъым.

– Сыбогъэтхьэлэ, емынэунэ хъун! – "къуртӏ-сыртӏ" жиӏэу бажэр псым щӏилъэфащ.


 

главная > жемчужины фольклора
 
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz