главная > черкесские (адыгские) загадки > Мафӏ...-Тхь...

Мафӏэ ныбэ псы ныбэф [53].


Мафӏэ ныбэ, чырбыш блын [53].


Мафӏэ щӏэмылъу къэкъуалъэ [53].


Мафӏэм имыс, псым имытхьэлэ [53].


Мафӏэм искъым, псым етхьэлэ [54].


Мафӏэм пэрыхьэ, дэп къезыхьэкӏ [53].


Мафӏэр езыхьэжьэ, яжьэр дэзыпхъей [53].


Махуэ къэскӏэ зыхэщӏу илъэсыщӏэм хыфӏадзэж [53].


Махуэ псом къекӏухь, пщыхьэщхьэ хъумэ бжэ къуагъым къуогъуэлъхьэж [54].


Махуэм зыри зыхуэмей, жэщкӏэ псори дызыхуей [53].


Махуэм лы изщ, жэщым нэщӏщ [54].


Махуэм пэрытенэ, жэщым абгъуэринэ [53].


Мэжэщӏалӏэу гъащӏэр зыхь, щынэр мэлыхъуэм фӏэзыхь [53].


Мэз дахэм и кум итыр сыт? [53].


Мэзым и лэжьакӏуэ, дохутыр ӏэкӏуэлъакӏуэ [53].


Мэзым къыхокӏ, къуракӏэ ещып.


Мэзышхуэ и щӏагъ мэз цӏыкӏу, мэз цӏыкӏу и щӏагъ лыд, лыд и щӏагъыж пыф, пыф и щӏагъ щӏам, щӏам и щӏагъ щӏапӏ, щӏапӏ и щӏагъ ӏуащхьэ.


Мэзышхуэ и щӏагъ мэлыд [54].


Мэкъур дзэкӏэ зезыхьэ, ауэ езыр ӏыхьэншэ. [53]


Мэл хужьыбэ псы йофэ [54].


Мэлым и щӏыфэ, фащэм и хуабэ.


Мэхъущӏэфыр, ауэ цӏыхукъым, къежыхьыфыр, ауэ ӏэщкъым [53].


Миным я унэ, унэбжэ закъуэ [53].


Мыгъэжьауэ тхъурыжьитӏ [53].


Мылыр зи джэгупӏэ, уэсыр зи джэлапӏэ [53].


Мылыр щыкъутэ, къутар щыткӏуж зэман [53].


Мыӏэфӏ-мыдыдж, джэдлыбжьэр гурыхь зыщӏ.


Нартыжь гъавэу бэвырыкӏ, гъавэу къэкӏым щхьэпырыкӏ [53].


Нащ и ӏэщэ, пхъэ гъэщащэ. [53]


Нэ пӏащэ щхьэ матэ, лы ӏэтэ зещатэ [53].


Нэхуми кӏыфӏми щымыуэхъу [54].


Нэхъыбэ къипх къэс нэхъ ин мэхъу [54].


Нэхъыжьыфӏ и псалъэ, ӏэнэм къыщапсэлъ [53].


Ныбэиуэ зеуэрей, шыдыжь уэдхэм теуэрей [53].


Пэгун щхьэтепӏэ, щхьэтепӏэ гъуджэ [53].


Пэплъым уеплъым уещӏыр нэплъ [53].


Плъыжь, ӏэфӏ, мэ ӏэфӏ пех, лъахъшэу, щӏыгум пэблагъэу къокӏ [54].


Плӏыри зэдожэ, зыри къатежыркъым.


Псалъэ зезыгъакӏуэ, зекӏуэм и ӏэпэгъу. [53]


Псэлъэгъу умылъагъу [53].


Псэлъэкӏэ зымыщӏэ, зэманыр къэзыщӏэ [53].


Псэури иробланэ, унэ блыным едзащ.


Псэущхьэ щхьэ гъуанэ [53].


Псы жэм и щхьэтепӏэ, щхьэтепӏэ ӏэта [53].


Псы ныбэ ныбэкъ. [53]


Псы пэгуныр ипкӏутамэ сыт пэгуным къинэр? [53].


Псы щӏамыкӏэу къахуэкӏ, кӏыхь зэрыхъуу пагъэкӏ [53].


Псы щӏыӏэ мащэ, мащэ ӏэрыщӏ [53].


Псы ӏуфитӏыр зэпызыщӏэ, ӏуэхутхьэбзэшхуэ къытхуэзыщӏэ [53].


Псыдзэм кърихуэкӏ, и пӏэм зэи къимыкӏ [53].


Псыжэ лъэгур зи хэщӏапӏэ, унэ лъабжьэр зи быдапӏэ [53].


Псыжэм и гъуджэ, гъуджэ джэгупӏэ [53].


Псыжэм и лъэмыж, цӏыкӏухэм я зежапӏэ [53].


Псым алэрыбгъу теубгъуащ.


Псым и къару, къару нэхунэ [53].


Псым и щыгур езыхужьэ, тхьэмпэ гъурхэр езыхьэжьэ [53].


Псым къыхах, псым хохьэж [54].


Псым хэкӏуадэ ӏэфӏ мыкӏуэд [53].


Псым хэсщ, ауэ бдзэжьейкъым, лъакъуэ щӏэткъым, ауэ мэӏэпхъуэ [53].


Псым хэхуэмэ зэпкъыроху, уафэм къехуэхмэ къутэркъым.


Псынитӏ зэхуаку, зэхуаку ӏэта [53].


Псыхэмыкӏ кӏэфӏей.


Псыхъуэм адрыщӏкӏэ цей плъыжь идзащ [54].


Пхъэ зэгуэдзэ блын едзын [53].


Пхъэ зэпыдзэ псы тедзэн [53].


Пхъуантэ ӏэрымыщӏ мыщӏэ къыдолъэлъ [53].


Пщэ псыгъуэ пэ кӏыхь, пэ кӏыхь ныбэф. [53]


Пщэдджыжьым лъакъуиплӏ, шэджагъуэм лъакъуитӏ, пщыхьэщхьэм лъакъуищ [54].


Пщӏэ щӏату паупщӏ, паупщӏамэ хыфӏадзэж [53].


Пщӏэгъуалэ щӏыб, щӏыбагъ тӏысыпӏэ [53].


Пшынэ емыуэу дыкъэзыгъафэ [53].


Пӏастэм хэӏэбэрей, ауэ мышхэрей. [53]


Сабэ зепхъэ, пхыр зэпха. [53]


Сабэщыпыр къезыхуэкӏ, жэщкӏэ нэхур къызыхэкӏ [53].


Сэ си гъусэу къекӏухьыр, сэ си гъусэу къежыхьыр, ауэ мыныбжьэгъу, икӏи мыжагъуэгъу [53].


Сэшхуэжьитӏыр зи натӏэ, натӏэрыуэу зэуэрей [53].


Си пщӏэгъуалэ лъапэрисэм псыщхьэр щтамэ сышэсынщ [53].


Сокӏуэ-сокӏуэ, си ужь мэкӏуэд.


Сыкӏуэмэ, мэкӏуатэ, сыщытмэ, мэдаӏуэ [54].


Сыт ептами лъаӏуэ, зи лъэӏуэным кӏэ имыӏэ [53].


Ткӏуаткӏуэм и псынщӏэ, псынщӏэу зелъатэ [53].


Тхьэкӏумэ хэшарэ кӏапсэ шыхьарэ [53].


Тхьэм и тыгъэу хъумэн хуей. Пфӏэкӏуэдамэ, гъуэтыгъуей [53].


Тхьэмпэу зэгуэлъ, акъыл зыхэлъ [53].


главная > черкесские (адыгские) загадки > Мафӏ...-Тхь...
 
 
 
 

Сайт создан в системе uCoz